МКОУ СОШ с.Урвань |
|
16.03.2017 / Наши новости
Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Министерствэм иубзыхуа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ "Анэдэлъхубзэм и махуэр" Мысостей къуажэ дэт курыт еджапIэм (унафэщIыр Шорэн Фусэщ) щагъэмэхуэщIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Министерствэм иубзыхуа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ "Анэдэлъхубзэм и махуэр" Мысостей къуажэ дэт курыт еджапIэм (унафэщIыр Шорэн Фусэщ) щагъэмэхуэщIащ. "Анэдэлъхубзэ, узианэщ - ушэ!" фIэщыгъэр ирату еджапIэм къыщызэрагъэпэща зэIущIэм кърихьэлIащ Аруан жылагъуэм щIэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Жэрыщты Олег, егъэджакIуэхэр информациерэ методикэ и лъэныкъуэкIэ къызэгъэпэщыным и къудамэм и унафэщI Балъкъэр Альбинэ, IэщIагъэлIхэу ХьэщIэлI Зое, Мер Анютэ, Щоджэн Оксанэ, Шыбзыхъуэ Оксанэ сымэ. Бысымыр анэдэлъхубзэм гумащIэу зэрыхущытыр, ныбжьыщIэхэри а гурыщIэм зэрыщIапIыкIыр къыхэщащ еджапIэм игъэхьэзыра зэхыхьэм. ЕджакIуэ нэхъ цIыкIу дыдэхэм щыщIэдзауэ нэхъыжьхэм щыщIэкIыжу зэхэта мы пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэдрэ къафэкIэ, ягъэнщIащ усэраджэрэ адыгэ шыпсэм, лъэпкъ хабзэхэм тращIыкIа теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ. Анэдэлъхубзэм и махуэр гъэмэхуэщIыныр къызыхэкIам кIэщIу тепсэлъыхьщ, адыгэбзэм гъащIэм щиубыд увыпIэмрэ хуэщIыпхъэ пщIэмрэ нэхъ шэщIауэ и гугъу ищIри, пшыхьыр къызэзыгъэпэща адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Асанэ Сарымэ адэкIэ сабийхэм утыкур хуит яхуищIащ. Дэтхэнэ зы къихьэгъуэри гуимыхуж зыщIар утыкум кърахьэ Iуэхугъуэ пыухыкIам хэлъ купщIэм и закъуэтэкъым, атIэ ар сабийхэм екIуу къызэрыббгъэдалъхьэрат. Бемырзэ Мухьэдин, Хьэнфэн Алим, Дыгъужь Къурмэн, Нало Заур, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм я IэдакъэщIэкIхэм иращIэкIа усэраджэм сабийхэм халъхьа гузэхэщIэм усыгъэм нэгъуэщIынэкIэ уригъэплъыжырт. Псом хуэмыдэу Бемырзэ Мухьэдин и "Псалъэм и къару" усэм къеджа Иуаз Сэтэней и цIэр къиIуапхъэщ. Адыгэбзэм лъэкIыныгъэ ин зэрыбгъэдэлъыр зэхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу апхуэдэт а сабийм и усэ къеджэкIэр. ГукIэ зэригъэщIауэ умыщIэну и гущIэ лъапсэм къиIукIыу, ипкъри абы дищIу игъэIуат усэр Сэтэней. "Бажэмрэ кърумрэ" адыгэ шыпсэм тращIыкIыу 3-нэ классым хэс сабийхэм ягъэлъэгъуа теплъэгъуэри гъэщIэгъуэн дыдэт. УджэгукIэрэ псэущхьэхэм я фэм уихьэн къудейм къыщымынэу апхуэдиз псалъэ зэдзыр зэбгъэкIунри, къыщымыуэнри, игъуэм укъэувыIэу игъуэм пыбдзэжынри а ныбжьым итхэмкIэ лэжьыгъэшхуэт. Абы ущыфIэкIыжым дэтхэнэ зы псалъэу къажьэдэкIри, макъыу къагъэIури гъэтIысауэ, адыгэбзэжькIэ жыпIэмэ, ипкъ иту гъэпсауэ апхуэдэт. Абы къыхэщащ мы еджапIэм дэт егъэджакIуэхэм адыгэ жьабзэм, псэлъэкIэ зэгъэпэщам гулъытэ хэха зэрыхуащIыр. ЕджакIуэ нэхъыжьыIуэхэр зыхэт къэфакIуэ гупри зэгъэпэщат. И фащэкIи, и къэфэкIэ хабзэкIи дагъуэ яIэтэкъым, къызэрыфэ пшыналъэхэри гум дихьэу, я ныбжьым дищтэу апхуэдэт. СыхьэтитIым нэблагъэ зэхэта зэIущIэм и IэтащхьэIулIэжт еджапIэм щIэс хъыджэбз цIыкIухэм утыкум кърахьа модэ гъэлъэгъуэныгъэр. IэщIагъэмкIэ дерс зыт егъэджакIуэр я пашэу хъыджэбзхэм гурыхь нэхъ ящыхъу адыгэ фащэм и пкъыгъуэхэр къыхахыурэ щыгъыныгъуэхэр я IэкIэ ябзри ядыжат. ЕджапIэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и щыхьэтщ ар. ДэкIэ-бзэкIэ къудейм хурагъасэм къыщымынэу лъэпкъ фащэм пщIэ хуэщIын, ар гъэпсэуэлъэн зэрыхуейр сабийхэм зэрагурагъаIуэр къыхэщащ. Адыгэ фащэр зыд IэщIагъэлI пажэхэр кърагъэблагъэрэ уэршэр тращIыхьу, зэхахамрэ ялъэгъуамрэ теухуауэ егъэджакIуэмрэ еджакIуэхэмрэ зэдэлэжьэжурэ къэгъэщIа хъуа мы Iуэху щIэщыгъуэм ужьых зэримыIэнури, ар IэщIагъэ яхуэмыхъуми, хъыджэбз цIыкIухэм бзылъхугъэр адыгэм щIигъэлъапIэу щыта нэщэнэхэм хуэдэ хэлъу/бгъэдэлъу еджапIэм къызэрыщIэкIынум ущымыгуфIыкIыу къанэртэкъым. Лэжьыгъэ хъарзынэ къызэдаIэта хъуащ Мысостей къуажэм дэт еджапIэм щезыгъаджэхэмрэ щеджэхэмрэ. Уи фIэщ мыхъуу къанэртэкъым мы еджапIэр адыгэ цIыхур гъэсэным и кIыщу зэрыщытым. Иринэ Уэркъуасэ, Азамат Кошеев, МКУ "Управление образования Урванского муниципального района КБР". Фейсбук, страница Табишева Мурата Просмотров: 1582 |
|
(C) МКОУ СОШ с.Урвань Сделано на платформе для сайтов образовательных учреждений EduHosting.ru |