МКОУ СОШ с.Урвань |
|
23.11.2023 / Наши новости
Темэр: Хэткъым псалъэ лъэпкъыгъуэхэм лей. Мурадыр: 1. Ц1эпапщ1эм и разрядхэм теухуауэ ящ1эр къэпщытэжын. 2. А темэм теухуауэ я1э зэф1эк1ым хэгъэхъуэн, егъэбыдыл1эн. 3. Пэжырытхэмк1э я1э зэф1эк1ым хэгъэхъуэн. 4. Природэр хъумэн зэрыхуейр ящ1эу къэгъэтэджын. 5. Хэкур ф1ыуэ ялъагъуу къэгъэтэджын.
Урокым и ек1уэк1ык1эр. Орфограммэхэр. Е.дапщанэ, гъу.нэгъу, къ.регъэлъагъу, макъ.у.
I. Хъуэхъу псалъэ. Едж. Ди утыкур ину зэ1утхащи, Ди урокым нобэ фыкъеблагъэ. Ди бзэм и къабзагъэм дихьэхуати, Вжет1эжынущ нобэ къэтщ1а псори.
Фыкъеблагъэ зи бзэр псом пэзыщ1хэр, Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр. Бзэр лъэпкъ хабзэу къэзыбж псори, Гуапэу ди урокым фыкъеблагъэ. II.Егъэджак1уэм и псалъэ. Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ! Дэтхэнэ зыри нышэдибэ дыкъебэкъуащ еджап1эм и бжэщхьэ1ум. Языныкъуэхэм я нэгум гуф1эр къощ, адрейхэр нэщхъейщ. Нобэ мы гъатхэ махуэ дахэм хуэдэу ди урокыр дахэу, дызэхуэгуф1эу, дызэдэ1уэжу едгъэк1уэк1ынщ,- псори фызэплъи фызэхуэгуф1э.
Сэ сыщымы1атэм, Къиф1уэнт фэ, Щы1эц1эм и ц1эр куэдрэ, Ауэ къащыхъунт псоми Ар зэшыгъуэ е зэгуэудыгъуэ. Нэхъ щ1эщыгъуэу Зызохъуэк1ыр сэ щы1эц1эр, Сыкъагъэсэбэпыр сэ Ц1эм папщ1э куэдрэ, Къызэрызэджэри …(ц1эпапщ1эщ) Егъ.Пэжщ. Нт1э, къызэрыфщ1ащи, нобэрей ди урокыр зытеухуауэ щытынур ц1эпапщ1эращ. Ди урокым и мурад нэхъыщхьэщ ц1эпапщ1эхэм я разрядхэр къэтпщытэжыну, едгъэбыдыл1эну. Ик1и а ди мурадыр къыдэхъул1эн папщ1э, дэ гъуэгуанэ к1ыхь къытпэщылъщ. А гъуэгуанэр тк1ун щхьэк1э, дэ лэжьыгъэ зыбжанэ дгъэзэщ1эн хуейщ. Зэрытщ1эщи, адыгэбзэр 1ыхьэ нэхъыщхьэ зыбжанэу зэхэтщ. Хэт дигу къигъэк1ыжын ахэр? Едж. Лексикэ, фонетикэ, синтаксис, пунктуацэ, орфографие, морфологие. Егъ. Тэмэм дыдэщ. Сыт хуэдэ 1ыхьэ нэхъыщхьэра дэ иджыпсту дызыхэтыр? Едж. Морфологием дыхэтщ. Егъ.Пэжщ. Иджы псори доскамк1э фыкъаплъэт, зы текст экраным итщ..Нобэ мы урокым щыдгъэзэщ1эну лэжьыгъэхэр мы текстым ехьэл1ауэ щытынущ. Япэрауэ, ди текстыр тхьэусыхащ. Абы ныкъусаныгъэ гуэрхэр и1эу къыщ1эк1ащ. А ныкъусаныгъэхэр мащ1э дыдэщ, ауэ ахэри дымыгъэзэхуэжу хъунукъым. Хэт текстым къытхуеджэн, ныкъусаныгъэхэр игъэзэхуэжурэ? Текстыр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ а жыгышхуэр слъэгъуатэкъыми, си нэ къыхуик1ырт абы сык1уэну. Гъатхэт махуэр бзыгъэт. Сэ гъуэгу сытеуващ. Си гур нэщхъыф1агъэмрэ дуне…м и дах…гъэмрэ ягъэп1ейтейрт. Сэ а мэзым сынэсыным сыхуэп1ащ1эу сык1уэрт. Ф1ыуэ сц1ыху гъуэгум мэзым сыхуишэрт.Мэзыр къыспэплъэрт щыму. Сынос ик1и сып1ащ1эу мэзым сэлам изох Ф1эхъус апщий мэз гуапэ! Куэд лъандэрэ услъэгъуатэкъыми, сыпхуэзэшат. (зы егъэдж. Къоджэ, хьэрф дэгъэхуахэр.дегъэувэж,нагъыщэхэр егъэувыж.) Егъ. Ди текстым и ныкъусаныгъэхэр дгъэзэхуэжащ. Аф1эк1а ар тхьэусыхэжыну къыщ1эк1ынкъым. Ауэ иджыри зыгуэр къытщыгъупщащ дэ. Текстым ц1э и1экъым, ф1эдмыщу хъунукъым. Хэт ф1ищын? Едж. Мэзым, жыгышхуэр,мэз гуапэ. -Мыхэр сыт зэхьэл1ар? (природэм.) Гъэсэныгъэ дакъикъэ. «Природэр хъумэн хуейщ.» сочиненэ ц1ык1у къегъэджэн. II.а) Япэ псалъэухам къегъэджэн, жыгышхуэр псалъэр фонетическэ зэпкърыхыныгъэ щ1ын. (зыр доскам щолажьэ ,адрейхэр тетрадым щолажьэ.) Б)Текстым и ещанэ псалъэухам къегъэджэн, сытеуващ псалъэр зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърыхын. Сы-зэхъуэк1а зэрыхъу префиксщ, 1 щхьэщ. А- зэхъуэк1а зэрыхъу суффиксщ, блэк1а зэман къегъэлъагъуэ. Щ-зэхъу. зэрыхъу суф., зэра1уатэ наклоненэ къегъэлъагъуэ. Те-псалъэ къызэрыхъу префиксщ. Ув- псалъэ лъабжьэ. Теув- псалъэпкъ.(тетрадым итхэн.) В)Диктант егъэтхын Си тетрадыр, мор соц1ыху, абы етх, фыфейр тежащ, сыту уеджэрэ? хэтк1э уарэзы?(Ц1эпапщ1эхэм падежыр тетхэн). III. Сценкэ. «Дыгъужьымрэ л1ыжь ц1ык1умрэ». Зы пычыгъуэ къэгъэлъэгъуэн. Егъэдж. Сценкэм къыщыгъэсэбэпа ц1эп. жегъэ1эн, разрядхэр къэгъэлъэгъуэн.(апхуэдэ,мы,сыт?,ахэр.) IV.Текстым и етхуанэ псалъэухам къегъэджэн, пкъыгъуэк1э зэпкърыхын. Едж. Сэ а мэзым сынэсыным сыхуэп1ащ1эу сык1уэрт. Ц1эп. къэгъуэтын. Сэ-щхьэ ц1эп.,1 щхьэ,з.бж.,им. П.,подлежащэу хэуващ. А-зыгъ.ц1эп.,определенэу хэуващ. v.Усэ «Си лъахэ- си удз дахэ»Гъу.Л.(къегъэджэн гук1э). ц1эпапщ1эхэр къэгъуэтын. -Сыт усэр зытеухуар.? -Хэкум теухуа псалъэжьхэр жегъэ1эн. -Сыт хуэдэ ц1эп.хэт абы? Хэти езым и хэкур ф1ыуэ елъагъуж. Хэку зимы1эм псори щ1ы1э къыщохъу. Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ си хэкужь сыщыл1э. Уи хэкур лъэщмэ урогушхуэ. Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь. VI.Текстым и епл1анэ псалъэухам къегъэджэн, пкъыгъуэк1э зэпкърыхын. Едж. Си гур нэщхъыф1агъэмрэдунейм и дахагъэмрэ ягъэп1ейтейрт. (псалъэухам хэт ц1эпапщ1эр къэгъуэтын, характеристикэ етын.) Си- зи щхьэ хущымыт еигъэ ц1эпапщ1э, Iщхьэ, зи щхьэ хущымыт еигъэ ц1эпапщ1э я закъуэ къапсэлъыркъым, щы1эц1э и гъусэу ф1эк1а,. абы и определенэу псалъэухам хоувэ. И- зи щхьэ хущыт еигъэ ц1эпапщ1э, псалъэухам определенэу хэуващ. VII. Уэрэдыр: « Я, ты, он,она»- уэрэдым хэт ц1эпапщ1эхэр адыгэбзэк1э , тыркубзэк1э, балъкъэрыбзэк1э, инджылыбзэк1э зэдзэк1ын. ( Уэрэдым егъэдэ1уэн) VIII. Мы псалъэ гупым ц1эпапщ1эу хэтыр къыхэтхык1ын: (слайд) Дыдж, сысей, сабий, жыджэр, уэ, дыдей, адакъэ, 1эк1уэлъак1уэ, фыфей, дэ, 1эхъуэ, бгъузэ, ар, зэв, зей, жэрумэ, ухуак1уэ, сэ, жы1эда1уэ. Едж. Сысей, уэ, фыфей, дэ, ар, зей, сэ. Егъ. А псалъэ гупым щыщу дэтхэнэра щы1эц1эми ц1эпапщ1эми пхьы хъунухэр? ( дэ, уэ, зей, сэ). IX. Тхылъым ит материалыр зэпкърыхын. X. Ц1эпапщ1эхэр зыщыщ разрядхэр зэхэгъэк1ын. Ц1эпапщ1эхэр доскам итщ. Ахэр ц1ык1ухэм щхьэж и унэ щ1агъэт1ысхьэжын хуейщ. (Таблицэ доскам къищ1ыхьын). Мыр,ар, дэ, хэт? сыт? апхуэдэ, мыпхуэдиз, фэ, мы, си, сысей,уэ, ахэр, и, ей, зей, сл1о? дара? Хэт, дэтхэнэ, псо, зыгуэр,хэт ейри, дэтхэнэри, зыри. XI. Урокым щащ1ар къызэщ1экъуэжын. XII. Унэ лэжьыгъэ етын. Егъ.Ди урокым и к1эухым дыхуейт ди хьэщ1эхэм хъуэхъу псалъэк1э зыфхуэдгъэзэну. Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, Гугъу къыддехьахэм: Фи гъащ1эр к1ыхьу, Фи нэмысыр лъагэу, Фи насыпыр куууэ, Фи акъылыр хурикъуу, Гухэхъуэр фи куэду, Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу
Просмотров: 413 |
|
(C) МКОУ СОШ с.Урвань Сделано на платформе для сайтов образовательных учреждений EduHosting.ru |